К1эрашэ Тембот Гъащ1эм и дерс рассказыр
Мурадыр: Тхыгъэм щ1элъ гупсысэ нэхъыщхьэр еджак1уэхэм ягурыгъэ1уэн; Унагъуэмрэ хьэщ1эщымрэ щек1уэк1ыу щыта хабзэхэр хъыбарым къызэрыхэщыр къэ1уэтэжын; Псалъэжьхэм тхыгъэм ща1э мыхьэнэр жегъэ1эн.
1. Хъыбарыр къэзы1уэтэжыр хэт? 2. Сыт хуэдэ псалъэжь л1ыжьым хъыбарыр къи1уэтэжын хуей щ1эхъуар?
И ныбжьыр дапщэм иту, ик1и хэт игъэсэн хуей хъурэ Къамболэт?
Хъыбарым къыщыхэщ мы упщ1эхэм щыгъуазэ дыфщ1: унагъуэхэм щек1уэк1 хабзэхэр; хьэщ1эщым щек1уэк1 хабзэхэр; щ1эблэм зэрихьапхъэ хабзэхэр.
Гъащ1эм къыхиха дерсым теухуауэ Камболэт жи1а псалъэхэм хэт къытхуеджэн?
Анзор Мухьэмэд и Атэлыкъым и л1эужь повестым сытк1э ещхь К1эрашэ Тембот Гъащ1эм и дерс и рассказыр.
К1эрашэ Тембот л1ыхъужьхэм я образхэр на1уэ къызэрыфщищ1, абыхэм я теплъэр фи нэгу къызэрыщ1игъэувэ художественнэ 1эмалхэр вгъэбелджылы. Ахэр текстым къыхэвгъуа- тэ.
Мы рассказым къыхэщ хабзэхэм щыщу нобэрей ди гъащ1эм сыт хуэдэ хабзэхэр къытхуэнауэ жып1э хъуну?
Тхыгъэм теухуауэ сыт хуэдэ псалъэжьхэр фхужы1эну, абыхэм гъащ1эм щагъэзащ1э мыхьэнэр къыжыф1э.
Мыжей Михаил Исмахьил и къуэр 1937 гъэм Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащхьэ Черкеск къыщалъхуащ. Курыт еджап1э нэужьым Къэбэрдей- Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмрэ филологиемк1э и факультетыр къиухащ гъэхэм Къэрэшей-Шэрджэс радиом, иужьк1э щ1эныгъэ-къэхутак1уэ институтым щылэжьащ. Мыжей Михаил лъэпкъ 1уэры1уатэ зэхуэхьэсыжыным,къыдэгъэк1ыным ехьэл1ауэ куэд зэф1игъэк1ащ. Абы и ф1ыгъэк1э дунейм къытехьащ Къру-къру, къаз-къазсабий тхылъыр(1968), Адыгэ хабзэмрэ ди зэманымрэ(1980), Адыгэ хъыбархэр(1986). Тхак1уэм и 1эдакъэм къыщ1эк1ащ рассказ, повесть, пьесэ куэд. Абы и тхыгъэ нэхъыф1хэм ящыщщ ц1ыхухэмрэ унагъуэ псэущхьэхэмрэ яку къыдэхъуэ зэхущытык1эхэм теухуауэ Пщэху новеллэр.
Унэ лэжьыгъэ 1. Мыжей Михаил и гъащ1эмрэ и литературнэ лэжьыгъэмрэ къеджэн. 2. Пщэхуновеллэм къеджэн. Упщ1эхэм жэуап етын.